Wazi Murat (Circassian Abrek)
Bashir Khatsouk
3:23Мэлыхъуэ щIалэм и тхьэусыхэ Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр Ар мэлыхъуэ пщашэм шэр егъэпщтыр Сэ шэ гъэпщта тIэкIу мыгъуэми сыщIобэгри Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ Си мэлыхъуэ башыр си пIэщхьагъкъэ Сэ къазыц пIэщхьагъ мыгъуэми сыщIобэгри Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ Си мэлыхъуэ Iэнлъэр си уэншэкукъэ Сэ бацэ уэншэку мыгъуэми сыщIобэгри Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ Ар Альтудмэ и Iуащхьэр уи Iуащхьашхуэщ Уой шуушхуэ къакIуэ мыгъуэр Кушыкупщ къысфIощI Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ Сэ ныжэбэ жэщым вагъуэр собжкъэ Сэ си мэлым и бжыгъэ мыгъуэр хэт жесIэну сэ? Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр Лагъуп пкъо зэхуакIум сыкъыдоплъыр Сэ си мащэр ятI мыгъуэурэ, уей солъагъур..